Шрифт
Source Sans Pro
Размер шрифта
18
Цвет фона
© Зера Бакова, 2022
ISBN 978-5-0056-1705-7
Создано в интеллектуальной издательской системе Ridero
Бабыгу Эргун, Нальчик
АДЭ ХЭКУМ СЫНЭМЫСМЭ
Бабыгу Эргун и творчествэм теухуауэ
«Си акъыл къыэрихьэрэ хэкум си нэ къыхуикIыу сыпсэуащ. Пэжыр жысIэнумэ, дызыхэс лъэпкъымрэ дызэрыс щIыналъэмрэ зэи сащыщу зыхэсщIакъым. Мыр жысIэныр емыкIуми сщIэкъым, ауэ я гуфIэгъуэр си гуфIэгъуэу, я гуауэр си гуауэу зэи къысщыхъуакъым. КIэщIу жыпIэмэ, сахэзэгъакъым, Iэмал зэрызгъуэтуи, си щхьэр къисхри си унэ къэзгъэзэжащ», – къыджиIат Бабыгу Эргун, университетым къедгъэблэгъауэ:
Бабыгу Эргун Сейфи и къуэр хэкум икIа Бабыгу Iэсхьэд и еплIанэ щIэблэу 1964 гъэм Тыркум щыIэ, БабыгуеижькIэ зэджэ къуажэм къыщалъхуащ. Бабыгу (тыркубзэкIэ Yıldız – вагъуэ) унагъуэцIэр зезыхьэ куэд а къэралым щопсэу, икIи ахэр зэунэкъуэщкъым.
УнагъуэцIэр тыркубзэкIэ хъуэжын хуей щIэхъуар иджыпсту куэдым яцIыху – адыгэцIэхэр, унагъуэцIэхэр, къуажэцIэхэр тыркубзэкIэ щрагъэхъуэж зэман Тыркум щыIащ. Ар къэралыгъуэм и политикэт —
уебэкъуэн, умыгъэзэщIэн ухуиттэкъым – абыкIэ зыри къоупщIтэкъым. Мы
Iуэхугъуэм къыпэкIуащ нобэкIэ хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым къызыхэкIамрэ къыздикIахэмрэ зэрамыщIэжыр. Эргун (Ахърэт нэху кърит) и IэщIагъэкIэ электрикт, электроникэм хуезыгъаджэ институтыр къиухат, и лэжьыгъэри а IэщIагъэм епхат.
Зэрысабийрэ адыгэр хамэ лъэпкъым зэрахэсыр, зэрахэкIуэдэжыр игу темыхуэу, ар фIэтхьэмыщкIагъуэшхуэу псэуащ. А зэманым къыщыщIэдзауэ и гукъеуэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ тхыгъэкIэ къиIуэтэныр хабзэ хуэхъуауэ къэгъуэгурыкIуат.
Абы и тхыгъэхэр адыгэ журналхэм, газетхэм я мызакъуэу, Тыркум къыщыдэкI газетхэми журналхэми мызэ-мытIэу къытрадзащ. Эргун и усэ 80-м нэс тырку антологием хыхьащ. А усэхэм фIыуэ сыщыгъуазэщ. Абыхэм ящыщ гуэрхэри си доктор диссертацэм хэзгъэхьат, урысыбзэкIэ зэздзэкIри. Абы щыгъуэ гъунэгъуу дызэрыцIыхутэкъым, и тхыгъэхэм, и IуэхущIафэм мащIэу сыщыгъуазэу аркъудейт. Диссертацэм зы Iыхьэр хухэхат хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я гъащIэм, творчествэм, къаIэт темэхэм, я гурыгъ-гурыщIэхэм. Къэхутэныгъэми сэбэпкIэ, хамэщI щыпсэу куэдым я зэфIэкIым сыщыгъуэзат. Бабыгури абыхэм ящыщт.
Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр – псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» – мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ – езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ – усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.
АдэкIэ – зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр – мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат – дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр – ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуаращ, нобэ и щытыкIэращ, и пщэдейращ. Хэкум къимыгъэзэжмэ, адыгэр зэрыкIуэдынум шэч къытрихьэжтэкъым усакIуэм: «Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу, Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ». Феплъыт:
Бабыгу Эргун, хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым ящхьу, адыгэбзэр езым зригъэщIэжат. И анэдэлъхубзэмкIи тхыгъэ кIэщIхэр, усэхэр итхт. Къалэныр зыгъэзэщIэн щыщымыIэм деж, уимыкъалэнри уи пщэм къыдохуэ жы хуаIэрати, Тырку къэралыгъуэм иджыри адыгэбзэр хуит имыщIауэ, Истамбыл дэт адыгэ хаситIым адыгэбзэ курс къыщызэIуихри, щIалэ гуп адыгэбзэм хуригъэджащ. Эргун мыегъэджакIуэми, езым нэхъыфI щи мыгъуэтым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъуат. Тыркум иджыпсту щызэхэпхынщ Эргун-егъэджакIуэм теухуауэ хъыбар дахэ куэд. Абыхэм псоми зэтехуэу зы жаIэ – Эргун хабзэ дахэ, нэмыс хэлъу зэрыщытар, гъэсэныгъэ екIурэ лIыгъэрэ зэрыбгъэдэлъар. АбыкIэ фIыщIэр зейр къэзылъхуахэращ, дауикI. Ауэ уэ убгъэдэмылъыр цIыхум ептыфын? Сэ мыбыхэм я Iуэхум фIыуэ сыщыгъуазэщи, схужыIэнущ хасэхэм деж бзэрэ хабзэрэ щептыну икъукIэ зэрыгугъур. Мыхэр езыхэр зэмыфэгъу защIэу зэхэлъщ – ныбжькIи акъылкIи зэтемыхуэу, абыи къыщымынэу, хэт къэбэрдейуэ, хэти адыгейуэ, абы нэгъуэщI лъэпкъхэри къахэзэрыхьу. Абыхэм я егъэджэныр идея лъагэу уи щхьэм имылъмэ, сомрэ зэманрэ мы Iуэхум пхутегъэкIуэдэнукъым. Ауэ, Эргун и щабагъым, и гум и дахагъым, и лIыгъэм, и адыгагъэм – щIалэгъуалэр къыкIэлъыкIуэт.
ЗэрыцIыкIу лъандэрэ ар Хэкум къызэригъэзэжыным щIэхъуэпст. Зэ-тIэу Хэкум къакIуэурэ щыIащ, ауэ къэкIуэжыпэн къыщехъулIар 2006 гъэращ. Абы лъандэрэ Налшык щыпсэуащ. И IэщIагъэм теухуа лэжьапIэ къызэIуихри ехъулIэныгъэ иIэу дунейм ехыжыхун лэжьащ. И лэжьыгъэмкIэ адыгэ куэдым сэбэп яхуэхъуащ. Цıыхум сомкIэ зыщIэгъэкъуэныр и хьэлу щытащ. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэми ядэIэпыкъуащ. Тыркум къикIауэ, ди университетым щеджэ щIалэгъуалэм ящхьэщытащ.
Бабыгу Эргун унагъуэт. ЩIалитI къыщIэнащ Амырхъанрэ Батухъанрэ. Нэхъыжьыр университетым зы зэмакIэ щеджащ. Иужьым Истамбыл къыщиухыжащ.
Ковидыр Эргун къыщеуэлIам, и унагъуэр Истамбыл щыIэт. Езыр Налшык къэнат, лIыгъэм зригъэхьри. Узыр къызэриубыдар хэIущIыIу ищIакъым, Тырку гъуэгури зэIухатэкъым… Ауэ Эргун зыцIыхуу щытахэм, и ныбжьэгъуахэм ди гур догъэфI сытым дежи и нэ къызыхуикIа Хэкум зэрыщыщIалъхьэжамкIэ:
Эргун и усыгъэми, къытхуиIуэтэжа хъыбархэми къазэрыхэщымкIэ, хэку фIылъагъуныгъэр уIэгъэжь мыкIыжым хуэдэу къыздырахьэкI хамэщI щыпсэу адыгэхэм:
КъызэрыкIуэжынумрэ къыщыкIуэжынумрэ нэгъэсауэ ямыщIэми, куэдым Хэкужьым къызэрихьэжынур шэч хэмылъу яцIыхут. Хэкужь Iуэхур хьэкъыу зыхэлъу къалъхуахэращ Iэмал зэрагъуэту къекIуэлIэжар. Гугъуехь куэд хэтащ, иджыри зрихьэлIэ лъэпощхьэпор нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ гугъуехьым хуэхьэзырт. Къыптрахами, къэбгъэнами, зэ пфIэкIуэда уи лъапсэжьыр тыншу къызэрыпIэрымыхьэжынур хьэкът. Ауэ я лъапсэжьыр тIысыпIэ ящIыжын мурадыр апхуэдизу инти, псоми пэщIэувэфт, мазэрэ дыгъэу уафэгум къыщепсти гугъэр ягъэнэхут, ягъэхуабэт.
ХамэщIым къыщалъхуа, езыр-езыру зи анэдэлъхубзэр зэзыгъэщIэжа усакIуэм дежкIэ мыпхуэдэ усэр ехъулIэныгъэщ. Мы темэм – хамэщI щыпсэу адыгэхэм къахэкIа усакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм елэжьын щыщIэздзам – 1990 гъэхэм – мыпхуэдэу адыгэбзэкIэ тхауэ усэ Iэрамэ зэгъусэу уи па – щхьэ къизылъхьэфын абыхэм яхэттэкъым. Апхуэдэр щыIэнкIи Iэмал иIэтэкъым. АтIэ, Тыркуми ди лъэпкъэгъухэр здэпсэу нэгъуэщI къэралхэми я анэдэлъхубзэр дэкъузат. Иджыпсту уагъэгуфIэу, усэбзэкIэ къаIуатэми, художественнэ тхыгъэ кIэщIми, адыгэбзэкIэ зыкъом матхэ.
Бабыгу Эргун и усэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зытеухуар сытым дежи зыгъэгулэзу щыта Iуэхугъуэращ – хэкуращ – абы и къэкIуэнуращ, нобэ зыхэт лъэпощхьэпохэращ.
«Бдзэжьейм и хъыбар» жиIэу Эргун усыгъэ иIэщ. Мы хъыбарыр гъыбзэ-уэрэду зэхэлъщ. И лъэпкъым и щхьэм кърикIуар, и псэм бэлыхьу телъар, зыщIэхъуэпсар, зыхэхуар, фIэкIуэда хуитыныгъэр – ар Алыхь Iэмыруи щIы, езым и хуэмыхуагъ, щIэныгъэншагъэуи жыIэ – хэт и зэранми, – ар иужькIэщ, ар етIуанэщ. Лъэпкъым и щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэшхуэр бдзэжьейм и образымкIэ усакIуэм къеIуатэ. Бдзэжьейр щытыкIэ бзаджэм ирегъэувэ – зыщыпсэу псым къыхедзри удзыпцIэм къытредзэ. А удзыпцIэр зи хъуэпсапIэ куэд щыIэу къыщIэкIынт, ауэ хэт ухуэупсами, бдзэжьейм удзыпцIэкIэ ухуэупсэныр псэзэпылъхьэпIэт.
Мы усэ-поэмэр а гупсысэм къигъэщIащи, феплъыт: